Пщащэ цlыкlу Lyrics
- Genre:Pop
- Year of Release:2022
Lyrics
Макъамэ дахэр гущ1эм къо1ук1,
Схуэмыжы1эщ1эу гур хощэтык1.
Пшынэм и макъым ину зешэщ1,
Ихъуреягък1э зыкъызешэк1.
Утыку сырешэ, лъэр схуэмыубыд,
Къак1уэ къыздэфэ, Си тхьэ1ухуд.
Уи нэкъуэлэнхэм нурыр къыщ1ех,
Уэ дахэу щы1эм уакъыхызох.
Пщащэ ц1ык1у сызэ1ущащэ уи нэ ц1ык1уит1ыр сыту дэхащэ дахэу щы1эм уэ уахызоху псэм укъилъыхъуэу сэ си дуней.
Набдзэ къурашэурэ си дахэк1ей си тхьэ1ухуду си гъащ1эр зей мы сигуи си пси богъэпейтей ф1ы лъагъуныгъэр сэ ныпхузощ1 си пщащэ дахэу си Дуней нэху уи нэдэхит1ыр сигум имыху сэ си пщ1ыхьэп1эм уэ ухэмык1 жэщи махуи сыногупсыс
Уи теплъэ гуак1уэм си нэр тенащ,
Темыпы1эжу псэр къэбгъэнащ.
Утыкум дахэу ущоджэрэз
Си лъагъуныгъэм имы1э нэз.
Уей жи маржэ, си дахэк1ей,
Уи нэ ц1ык1уит1ымк1э къысхудэплъей.
Гупсысэ 1эф1ыми уэ сыхэпшащ,
Гурыщ1э къабзэр къыбдэушащ.